8 ЛъэкӀыныгъэ псори зиӀэ ди Тхьэ! Зыпкъ дигъэувэж. Уи нэгум и нэху къыттегъапсэ, дымыкӀуэду дыкъелыну!
Си Ӏэхэр ныпхузоший Уэ; псы хуэлӀа щӀыгум хуэдэу, си псэр къыпщӀохъуэпс.
Си Тхьэ! Сыгызурэ, сыноджэ махуэм, арщхьэкӀэ Уэ жэуап къызэптыркъым; жэщри аращ – згъуэтыркъым гупсэхугъуэ.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а къалэм и гуэныхьхэр зэтелъу уафэм нэсащ, щӀэпхъаджагъэу ищӀар Тхьэм и гум икӀыжынукъым.
Иджы щегъэжьауэ игъащӀэкӀэ Израилыр щрегугъ Зиусхьэным.
А Ӏуэхухэм акъылыфӀэм и нэӀэ трырегъэт, ирегупсыс цӀыхур Зиусхьэным и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым.
фӀыщӀэ зыхэлъ уэрэд жысӀэурэ, уи Ӏуэху щӀагъуэхэр яхузоӀуатэ.
– ЕплӀанэ щӀэблэм деж къагъэзэжынущ къэпщӀэхъунухэм мыбдеж, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ эмор цӀыхухэм я хабзэншагъэхэм я пщалъэр иджыри гъэнщӀа хъуакъым.