3 Эфраим, Бин-Ямин, Мэнашэ. Уи гуащӀэ къехьэжьи, ди бийм даӀэщӀэпхыжыну къытхуэкӀуэ.
Къэрал псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми, бзэ псоми икӀи лъэпкъ псоми ящыщ цӀыху куэд махуищрэ ныкъуэкӀэ а хьэдэхэм еплъынущ, ауэ щӀалъхьэжын ядэнукъым.
Бегъымбархэм ялъри, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм ялъри, щӀылъэм щаукӀа псоми ялъри а къалэшхуэм къыщагъуэтащ».
А цӀыхубзыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмрэ Хьисэ щыхьэт хуэхъуахэмрэ ялъкӀэ удэфауэ слъэгъуащ. А цӀыхубзыр щыслъагъум, ину згъэщӀэгъуащ.
сыту жыпӀэмэ цӀыху Ӏейхэм уэ уи цӀыху лъапӀэхэмрэ уи бегъымбархэмрэ я лъыр зэрагъэжам папщӀэ, лъы ебгъэфащ. Ар абыхэм яхуэфащэщ».
Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Уэ, (ди Тхьэ), уэр щхьэкӀэ даукӀынкӀэ махуэ къэс шынагъуэщ. Мэл фӀэгъэжыныпхъэхэм хуэдэу далъытэ».
Аращи, дунейм щагъэжа лъы хей псори фэ къыфтехуэнущ, щыпкъагъэ зигу илъ Хэбэл бегъымбарым и лъым къыщыщӀэдзауэ Варахийм и къуэ Зэчрей бегъымбарым и лъыр къыхиубыдэу. Зэчрей бегъымбарыращ Тхьэм и унэшхуэмрэ къурмэнщӀыпӀэмрэ я зэхуакум дэвукӀыхьар.
Уи цӀэм щӀыхь хуэсщӀын папщӀэ, сыкъишыж хьэпсым. Щыпкъагъэ зиӀэхэр, фӀыгъуэу къысхуэпщӀам щхьэкӀэ, къыщызэруугъуеинущ си деж.
Абы папщӀэ щӀапӀэ бгъэкъабзэри, и къуэпсхэм куууэ зыщадзым, щӀыгум тезыбзэ хъуащ.