8 Ди адэжьхэм бзаджагъэу ящӀахэр дэ къытхуумылъагъу; уи гущӀэгъу псынщӀэу къытлъэгъэӀэс, ди гур кӀуэдащ.
– ЦӀыху ерыщхэ! Фэ фигухэмкӀи фи тхьэкӀумэхэмкӀи Тхьэр зымыщӀэ цӀыхухэм фахуэдэщ. Фэ, фи адэжьхэм ещхьу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фыпэув зэпытщ.
Варнавэ Антиохием кӀуэри, Тхьэм и нэфӀыр абыхэм къазэрыщыхуэр щилъагъум, гуфӀащ, емыщу Зиусхьэным гурэ псэкӀэ хуэпэжыну яхуигъэуващ.
Иришэжащ ахэр гъуэгу занщӀэкӀэ зыщыпсэуну къалэм кӀуэну.
Ди Тхьэ! Уэ уощӀэ сызэрыакъылыншэр, мыхъуну сщӀахэр УэркӀэ щэхукъым.