7 сыту жыпӀэмэ Екъуб зэхашхыхьри, хэкужь ящӀащ и псэупӀи зэхакъутащ абыхэм.
Аращи, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу абы и унафэхэр зыгъэзащӀэу, Хьисэми щыпкъагъэ хузиӀэхэм теубыдагъэ ярыреӀэ.
Тхьэр фӀыуэ тлъагъумэ, и унафэхэр дгъэзэщӀэнущ. И унафэхэри гугъукъым.
Уэ нэхунэр зыщыботӀагъэ фащэу, пшэхэр уиӀэщ шэтыру;
Зиусхьэн унэшхуэм щыхаса жыгхэм хуэдэу, ди Тхьэм и унэшхуэ пщӀантӀэм къыщощхьэлъэ.
Узым щиубыдкӀэ, гуащӀэ къритынщ Зиусхьэным. Сымаджэ хъумэ, Абы игъэхъужынщ.
ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ ищӀащ Мэссихь. Тхьэращ Мэссихь лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжар, щӀыхьышхуэри къезытар. Абы и фӀыгъэкӀэ ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуащ икӀи Тхьэм фыщогугъ.
Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀу, зэгуищӀыкӀри къыжиӀащ: «Мы щӀакхъуэр, фӀагъ къыфхудэкӀуэн щхьэкӀэ, сипкъ зэгуэщӀыкӀынуращ. Фигу сыкъэвгъэкӀыжын щхьэкӀэ, мы щӀакхъуэр фшхы».
Ди Зиусхьэныр ин дыдэщ, ин дыдэщ Абы и гуащӀэри, Абы и акъылри гъунэншэщ.
Уэ къыхэпха цӀыхухэм щыӀэкӀэфӀу яӀэр слъагъуну, уи цӀыху лъэпкъым и гуфӀэгъуэр си гуфӀэгъуэу, Уэ уи уней цӀыхухэм срагъусэу уи щӀыхь къэсӀэтыну.
ЩӀыхь пхуэсщӀынщ сыпсэуху, сынолъэӀуурэ, си Ӏэхэр сӀэтынущ.
ЗэгурыӀуэныгъэу ядищӀари игу илъащ, и лъагъуныгъэ мыкӀудыжым къыхэкӀыу гущӀэгъу яхуищӀащ.