5 Сыт хуэдизрэ, Зиусхьэн, губжьым ухэтыну, фыгъуэныр мафӀэм хуэдэу уигу щыблэну?
Фэ, адэхэ, фи бынхэр фымыгъэгубжь, атӀэ Зиусхьэным зэрыфӀэигъуэм тету фпӀы икӀи вгъасэ.
ЯщӀэркъым, къагурыӀуэркъым, кӀыфӀым хэтхэщ, щӀыгу лъащӀэхэр мэхъей.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Сэ къыхэсхащ Ибрэхьим, езым и къуэхэми, езым и ужькӀэ къэнэну и унагъуэми, щыпкъагъэрэ захуагъэрэ ялэжьу сэ Зиусхьэным си гъуэгум ирикӀуэну унафэ яхуищӀын папщӀэ. Сэ, Зиусхьэным, Ибрэхьим зэрызгъэгугъа псори згъэпэжынущ.
Лъэныкъуэ псомкӀи фӀагъыу къыхэкӀыр куэду инщ. Япэрауэ, Тхьэм и псалъэхэр зыӀэщӀилъхьар журтхэр арщ.
Иджы къэсщӀащ Езым къыхиха цӀыхум Зиусхьэныр къызэрыдэӀэпыкъунур. И Ӏэ ижьу текӀуэныгъэ къэзыхьым и лъэкӀ инкӀэ уафэ лъапӀэхэм къарыкӀыу жэуап кърет.