8 Я адэжьхэми хуэдэнкъым – ерыщхэу, Тхьэм пэувхэу, теубыдагъэ зимыӀэхэу, зигу – зи псэкӀэ Тхьэм хуэмыщыпкъэхэм.
ЦӀыху гуэрхэм къазэрыщыхъум хуэдэу, Зиусхьэным цӀыхухэр къызэригъэгугъар игъэзэщӀэныр хигъэтӀэсэнукъым. Тхьэм шыӀэныгъэ къыфхуиӀэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы цӀыхуи кӀуэдыну хуэмейуэ, цӀыху псори я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыну хуейщ ар.
Тхьэм и псалъэхэр имыгъэпэжауэ аркъым абы къикӀыр. Израил лъэпкъым щыщ псори аракъым израил цӀыху пэжу щытхэр.
Зиусхьэныр уафэгум къоплъыхри, дуней цӀыхухэм къахоплъэ, акъыл зиӀэрэ Езым лъыхъурэ яхэтмэ, зригъэлъагъуну.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «СумыгъэкӀуэд» уэрэдым и макъамэр щӀэлъу. Асаф и уэрэд. Уэрэд
Уи тхьэкӀумэ къыхуэгъазэ, Зиусхьэн, си тхьэлъэӀу, си лъэӀу макъ къыщӀэдэӀу.