3 зэхэтхауэ, дэ зэдгъэщӀауэ, ди адэжьхэм къытхуаӀуэтэжауэ.
Тхьэ закъуэращ си псэм гупсэхугъуэ зригъуэтылӀэр; Аращ сымыкӀуэду сыкъезыгъэлынур.
Уэращ си пащтыхьыр, си Тхьэр! Израил лъэпкъым текӀуэныгъэр къихьыну унафэ щӀы.
Сыт узыгъэхыщӀэр, сигу, сыт узыгъэгумэщӀыр? Тхьэм щыгугъ, зышыӀэ; сыту жыпӀэмэ сэ Абы щӀыхь хуэсщӀынщ иджыри – си КъегъэлакӀуэу си Тхьэм.
Къызэхуэсащ абы и къуэхэри ипхъухэри, ар ягъэудэӀужын папщӀэ; ауэ ар хуейтэкъым удэӀужыну, жиӀащ мыр: – Нэщхъеягъуэм сыхэту сехыжынущ си къуэм деж щӀыкъатиблкӀэ. Апхуэдэу игъеящ и адэм Исуф.
Хабзэншэхэр хуэзгъэсэнщ уи гъуэгум, уи деж къагъэзэжынщ гуэныхь зыщӀахэм.