2 Пасэрей псалъэ къыхэздзэн сфӀэигъуэщ, пасэрейм хъыбар щэхуу жаӀахэр къэсӀуэтэнщ –
Хабзэншэхэр хуэзгъэсэнщ уи гъуэгум, уи деж къагъэзэжынщ гуэныхь зыщӀахэм.
Къызэхуэсащ абы и къуэхэри ипхъухэри, ар ягъэудэӀужын папщӀэ; ауэ ар хуейтэкъым удэӀужыну, жиӀащ мыр: – Нэщхъеягъуэм сыхэту сехыжынущ си къуэм деж щӀыкъатиблкӀэ. Апхуэдэу игъеящ и адэм Исуф.
Хьисэ дунейм щытета махуэхэм макъ хэӀэтыкӀакӀэ джэурэ, и нэпсыр къежэхыурэ, лӀэныгъэм къыӀэщӀэзыхыфыну Тхьэм и фӀэщу елъэӀуащ. ЗэредаӀуэм щхьэкӀэ абы и макъыр Тхьэм зэхихащ.
Абыхэм къахуэгузэвэну къэкӀуа журту Мэрием и гъусэу унэм щӀэсахэм Мэрием епӀэщӀэкӀыу къэтэджу, унэм щӀэкӀыу щалъагъум, кхъэлэгъунэм кӀуэуэ, и дэлъхур абы щигъеин я гугъэри, и ужь иуващ.
Уэрэд жызыӀэхэми къафэхэми зэдащтэу жаӀэ: «ФӀыгъуэ псори къызыпкърыкӀыр Цион къалэр арщ».
Гухэлъ бзаджэкӀэ зэрогъэгушхуэ; ЗэрогъэӀущ лъахъэхэр ягъэпщкӀуну; жаӀэ: «Хэт зылъагъунур?»
КъэзышагъащӀэр и фызыр зэрыс унэм къызэрикӀым хуэдэу, ар къыкъуокӀ, цӀыху жэру къэжапӀэр къызэрижыхьынум щыгуфӀыкӀым хуэдэу.
– Иджы щыщӀэдзауэ уи цӀэу щытынур Екъубкъым, атӀэ Израилщ, – жиӀащ адрейм, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уэ уебэнащ Тхьэми цӀыхухэми, къару уиӀэу къэбгъэлъэгъуащ.