3 Гугъуехьым сыщыхэт махуэм Зиусхьэным сылъохъу; си Ӏэр щӀэмычэу шиящ жэщым; гупсэхугъуэ згъуэтын слъэкӀыркъым.
Тхьэм цӀыху лъэпкъхэр егъэӀурыщӀэ, и тахътэ лъапӀэм тесщ Ар.
Салем и пащтыхь Малхицэдэкъ абы къыприхьэжьащ щӀакхъуэрэ санэрэ. Ар Тхьэуэ я нэхъ Лъагэм и тхьэгъэпст.
Цион Ӏуащхьэм тес Зиусхьэным и щӀыхь фӀуатэ, Абы и ӀуэхущӀафэхэм я хъыбар цӀыху лъэпкъхэм ялъэвгъэӀэс!