4 Шабзэшэ псынщӀэхэр, джатэр, мэӀур, къинэмыщӀ Ӏэщэхэр Абы щикъутащ абдежым.
И лъэпкъым гуащӀэ хилъхьащ Абы, и лъэпкъым щӀыхь хуищӀын папщӀэ, израил лъэпкъыу Езым игу пэблагъэм Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ!
«Гурымыкъыу фыщымыт, фи адэжьхэм Мэрыбэ деж, Массэ губгъуэ нэщӀым деж зэрыщащӀэгъам хуэдэу.
Зиусхьэну ди Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр ди щхьэщыгу ирырет, ди Ӏэхэм ялэжь Ӏуэхухэр къыддрехъу.
Шэд куум сыхэнащ сэ, сызытеувэни симыӀэу, архъуанэм сизэрыхьащ сэ, срехьэжьэ псыдзэшхуэм.
ПшынэдыкъуакъуэкӀэ щӀыхь уэрэд хуэвгъэӀу Зиусхьэным, пшынэдыкъуакъуэмрэ уэрэд макъымрэ щӀыгъуу.