8 Тхьэращ хьэкумыр зыщӀэр: зыр егъэлъахъшэ, адрейр хеӀэтыкӀ.
Бзу цӀыкӀуми зыщыпсэун, пцӀащхъуэми и шырхэр зригъэсын абгъуэ щагъуэт уи къурмэнщӀыпӀэхэм деж, лъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Зиусхьэн, сэ си пащтыхьу си Тхьэ!
Галилей хэкур зэрыщыту къызэхикӀухьурэ, Хьисэ Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм синэгуэгухэм щаригъащӀэрт, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым ахэр щригъэдаӀуэрт, дэтхэнэ сымаджагъэрэ узрэ зиӀэри игъэхъужырт.
Къиныгъэм сыкъаухъуреихьмэ, си псэр къэпхъумэнщ, си бийхэм я губжьым уи Ӏэр тепшиенщ, сэ Уэ Ӏэ ижьым къиныпӀэм сыкърешыж.
Гъуэгу махуэ теуващ Уэ уи унэ щыпсэухэу, Уэ щӀыхь зэпымыууэ къыпхуэзыщӀхэр.