23 уи бийхэм я кӀий макъи къыппэувхэм зэпымыууэ ягъэӀу макъи зыщумыгъэгъупщэ.
Ауэ абыхэм Тхьэм ятригъэхуэнщ шабзэшэр; уащӀэдэмыщӀэу иуӀэнщ ахэр.
унафэу нывжесӀа псори ягъэзэщӀэну яхуэвгъэув. Пэж дыдэщ ар, дунейм и кӀэухым нэсыху сыт щыгъуи сывигъусэнущ сэ. Ӏэмин.
Ахъшэм фыхуэмынэпсей, фиӀэм арэзы фытехъуэ. Тхьэм къыжиӀащ: «ИгъащӀэкӀэ ухыфӀэздзэжынукъым, уи закъуэу укъэзгъэнэнукъым».
Нэкум хуэдэу сыкъэхъумэ, уи дамэхэм я жьауэ щӀагъ сыщӀ.
Зи Ӏэхэр къабзэу, зигу хейр, зигу бзаджагъэм хуэзымыгъазэу, тхьэрыӀуэ нэпцӀ зымыщӀыр арщ.
«Хъыджэбзыр лъэщыджэ хъунущ, къуэи къилъхунущ. Абы цӀэуэ фӀащынур Еммануилщ. „Тхьэр ди гъусэщ“, аращ а цӀэм къикӀыр».
Сэ жысӀащ: къысщумыгъэдыхьэшх си бийхэр; си лъакъуэхэр щӀэщӀэмэ, абыхэм зыкъысхуагъэпагэ.
Ибрам илъэс бгъущӀрэ бгъурэ щыхъум, Зиусхьэныр абы къыхуэлъагъуэри, къыжриӀащ: – Псори зыхузэфӀэкӀ Тхьэр Сэращ; щыпкъагъэ уиӀэу щыпсэу Си пащхьэ икӀи лажьэ зыри зыхуумыгъэху.