11 Сыт щхьэкӀэ уи Ӏэр, уи Ӏэ ижьыр епхьэкӀрэ? Сыт щхьэкӀэ уи Ӏэр уи гуфӀакӀэ дэбгъэлърэ?
Сыту жыпӀэмэ аращ дэ ди Тхьэр, Абы и мэл хъушэм дыщыщщ, Абы и Ӏэм зэришэ мэлхэр дэращ. Ей, Абы и макъ нобэ фэ федгъэӀуатэмэ:
Дызэрыгъуэзэн нэщэнэ щӀагъуэ тлъагъужыркъым, бегъымбари щыӀэжкъым, апхуэдэу зэрыщытынур зыхуэдизыр къыджезыӀэни къытхэтыжкъым.
И унэшхуэ лъапӀэм исщ Зиусхьэныр, Абы и тахътэр уафэгум итщ, Абы и нэхэм ялъагъу; Абы и нэплъэгъухэм дунейм и цӀыхухэр ягъэунэху.