19 Сыту атӀэ уащӀэдэмыщӀэу унэхъуа ахэр – щыӀэжкъым, шынагъуэшхуэм екӀуэдылӀащ!
Уи Тепщэныгъэшхуэр* кърекӀуэ. Уэ узыхуейр уафэм зэрыщыхъум хуэдэу, щӀылъэми щрехъу.
Уафэми, щӀыми, щӀы щӀагъми, хыми щыпсэууэ Тхьэм къигъэщӀа псэ зыпыт псоми къыжаӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «ФӀыщӀэшхуэр, лъытэныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр, тепщэныгъэшхуэр тахътэм тесымрэ Щынэмрэ яйщ игъащӀэкӀэ».
ШейтӀаным гуэныхь дигъэлэжьыну хуит умыщӀ, икӀи абы дыщыхъумэ. МыкӀуэдыжын тепщэныгъэшхуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр ууейщ. Ӏэмин».
Мы Ӏуэхухэм щыхьэт техъуэм жеӀэ: «Аращ, куэд мыщӀэу сыкъэкӀуэжынущ». Ӏэмин. КъэкӀуэж, Зиусхьэн Хьисэ!
ГъащӀэ зиӀэр сэращ. СылӀащ, ауэ иджы сыпсэущ икӀи игъащӀэкӀи сыпсэунущ. Ӏэмин. ЛӀэныгъэми хьэдрыхэми я ӀункӀыбзэхэр сӀыгъщ.