Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Уэрэд 72:17 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

17 Ауэ Тхьэм и унэшхуэм сыщыщӀыхьэм, къызгурыӀуащ кӀэухыу яӀэнур.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Уэрэд 72:17
23 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

«Хъыджэбзыр лъэщыджэ хъунущ, къуэи къилъхунущ. Абы цӀэуэ фӀащынур Еммануилщ. „Тхьэр ди гъусэщ“, аращ а цӀэм къикӀыр».


Сэ си нэфӀ ящыхуэнущ уэ зи нэфӀ къыпщыхуэхэм, си ней ящыхуэнущ уэ зи ней къыпщыхуэхэм; уэ уи хьэтыркӀэ си нэфӀ ящыхуэнущ дунейм тет цӀыху лъэпкъ псоми!


и пщылӀ тхьэмыщкӀэм Зиусхьэныр нэфӀкӀэ къеплъащ. Мис, нобэ щыщӀэдзауэ лъэхъэнэ псоми я цӀыхухэм сэ гъуэгу махуэ сытеувауэ жаӀэнущ,


Апхуэдэу щӀэхъуар Хьисэ и цӀэм щӀыхь хуащӀурэ къэхъугъэ псори лъэгуажьэмыщхьэу тӀысын щхьэкӀэщ, уафэми, щӀылъэми, щӀы щӀагъми щыӀэхэр аращ,


Уэ къыптехъукӀыну бынхэм я хьэтыркӀэ дунейм и лъэпкъ псоми си нэфӀ ящыхуэнущ, си псалъэм укъызэредэӀуам папщӀэ.


Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэ лъапӀэм щӀыхьышхуэр ейщ! Хьисэ лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжамкӀэ, Тхьэм гущӀэгъушхуэ къытхуищӀу щӀэрыщӀэу дыкъалъхужа дищӀащ. Апхуэдэу мыкӀуэдыжын гугъапӀэ диӀэ хъуащ,


Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес. Тхьэм дыфхуелъэӀуху къэс, Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэм фӀыщӀэ худощӀ,


Аращи, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэм и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу соувэ.


Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэрщ щӀыхьышхуэр зейр. Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, уафэм къикӀыу, гурэ псэкӀэ Тхьэм и нэфӀ лъэныкъуэ псомкӀэ къытщыхуащ.


Мэссихь ди щхьэхэр къыщӀищэхужар Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъа нэфӀ щыхуэныгъэр езы Мэссихь Хьисэ хамэ лъэпкъхэми ялъигъэсын папщӀэщ. Апхуэдэ щыхъукӀэ дэ фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм дызэригъэгугъа и Псэ ЛъапӀэр дигухэм къарилъхьэнущ.


Мы лӀы флъагъум икӀи фцӀыхум Хьисэ и цӀэм дзыхь зэрыхуищӀам щхьэкӀэ къару иӀэ хъужащ. Хьисэ и цӀэмрэ абы и деж къикӀ фӀэщхъуныгъэмрэщ мы лӀыр фэ псоми фи пащхьэм щызыгъэхъужар.


Мэрием къуэ къыхуэхъунущ икӀи абы цӀэуэ фӀэпщынур Хьисэщ,* абы и лъэпкъым я гуэныхьхэр ящхьэщихынурэ, мыкӀуэду къригъэлынущи.


Уэ, Зиусхьэн, къыпщымышынэ цӀыхуи щӀыхьышхуэ къыпхуэзымыщӀ цӀыхуи щыӀэкъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъапӀэ закъуэу щыӀэр уэращ. ЩыпкъагъэкӀэ хьэкум зэрыпщӀэр нахуэ зэрыхъуам щхьэкӀэ, лъэпкъ псори уи пащхьэм ихьэнурэ уагъэлъэпӀэнущ».


СыхьэпӀацӀэщ сэ, сыцӀыхукъым, цӀыхухэм нэмыплъ къызат, лъэпкъым сызэрипэсыркъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ