11 ЦӀыху бзаджэхэм жаӀэ: «Хъунур Тхьэм дауэ къищӀа? Псоми Я Нэхъ Лъагэр абы щыгъуазэ?»
Ебланэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ итӀанэ. Уафэм макъышхуэхэр къиӀукӀащ абы щыгъуэ: «Ди Зиусхьэнрэ езым и Мэссихьрэ мы дунейм тепщэныгъэшхуэ хуаӀэ хъуащ. Тхьэр арщ тепщэныгъэшхуэр игъащӀэкӀэ зиӀэнур».
Лъэпкъхэм я щӀыхьышхуэрэ я лъытэныгъэшхуэрэ а къалэм къыдахьэнущ.
Абы и нэхум щызекӀуэнущ лъэпкъхэр. Дунейм и пащтыхьхэм я щӀыхьышхуэр а къалэм къыдахьэнущ.
Ахэр Щынэм езэуэнущ, ауэ Щынэр абыхэм ятекӀуэнущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар зиусхьэнхэм я Зиусхьэнщ, пащтыхьхэми я Пащтыхьщ. Езым и гъуэгу ирикӀуэну къыхуриджа цӀыху къыхихауэ, езым хуэпэжхэр абы и гъусэнущ.
Си къуэшхэ, Ӏущыщэу зыкъыфщымыхъужын щхьэкӀэ, мы щэхур фымыщӀэну сыхуейкъым: Хамэ лъэпкъхэм ящыщу Тхьэм и гъуэгу техьэнухэм я бжыгъэр ирикъуху, израил лъэпкъым щыщ гупыр ерыщ ищӀащ Тхьэм.