2 Уи лъэпкъым – щыпкъагъэкӀэ, тхьэмыщкӀэу уиӀэхэм – захуагъэкӀэ уадызекӀуэурэ, тепщэныгъэр иреӀэ.
Гъуэгу махуэ теуващ зи хабзэншагъэ зыхуигъэгъуу, зи гуэныхьыр Тхьэм зыхуигъэкӀуэдар.
Хьэдрыхэ лъахъэм зыкъызашэкӀащ, сихуащ ажалым и хъым.
джатэ залымым сыщыхъуми, хамэ цӀыхухэм саӀэпыхыж, мыхъумыщӀэхэр зи жьэм къыжьэдэкӀхэу, тхьэлъанэ ящӀми, пцӀы зыупсхэм.
ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхуу адрей цӀыхухэр зыхуэзэхэм фӀэкӀа фэ фыхуэзакъым. Тхьэр пэжщ, флъэкӀынум нэхърэ нэхъыбэ, гуныхьщӀэным фыдезыгъэхьэхын Ӏуэху фыхуэзэну хуит ищӀынукъым. Ауэ гуныхьщӀэным фыдезыгъэхьэхын Ӏуэху гуэр фыщыхуэзэкӀэ, абы фыпэувыфыну Тхьэм гъуэгу къывитынущ.
Сыкъэзыхъумэ абрэмывэу Зиусхьэным щӀыхь хузощӀ, си Ӏэхэр – зауэм, си Ӏэпхъуамбэхэр – бэнэныгъэм хуэзыгъасэм;
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корах и къуэхэм я уэрэд
Ауэ сэ сыщылъэпэрапэм, ахэр гуфӀэурэ зэгухьэжащ; къысщыдыхьэшхыурэ, зэщӀыгъуу саубурэ, фӀеягъэу къысхужаӀэнум гъунэ хуащӀакъым.
Уэ фӀыуэ узолъагъу, Зиусхьэн, Уэращ къару къызэзытыр.
Гъуэгу махуэ теуващ Зиусхьэным бзаджагъэ зыхуимылъагъур, зигу хьилагъэ имылъыр!