19 ЩӀыхьышхуэ зиӀэ и цӀэм лъытэныгъэ хурещӀ игъащӀэкӀэ. Абы и щӀыхьыр щӀыгум дэнэкӀи тез щрехъу. Ӏэмин! Ӏэмин!
Сыту жыпӀэмэ Уэращ гъащӀэм и къэкӀуапӀэр; Уэ уи нэхунэм щыдолъагъу дэ нэхугъэ.
МафӀэр шыуаным къемыӀэ щӀыкӀэ бэрэжьейуэ пэралъхьагъащӀэри ныкъуэсу жьыбгъэм зэбгрырех.
сыту жыпӀэмэ ЛъэкӀыныгъэшхуэ ЗиӀэм Ӏуэху телъыджэхэр къысхуищӀащ. Абы и цӀэращ лъапӀэр.
Ахэр гъуэгу цӀэнтхъуэрыгъуэм Уэ тыбогъэувэ. Уэ ахэр йогъэхуэх щыхупӀэм.
Зиусхьэным жесӀащ сэ: «Уэ узи-Тхьэщ»; къызэхэх, Зиусхьэн, си тхьэлъэӀу макъ!
Зиусхьэным и пащхьэ щыӀэсэ, зышыӀэ, Абы щыгугъ. Уемыхъуапсэ зи Ӏуэху къызыдэхъум, хьилагъэ зезыхьэм зумыгъэгъэгумэщӀ.