12 Сыту жыпӀэмэ къулейсызи, тхьэмыщкӀи, дэӀэпыкъуэгъу зимыӀи, елъэӀу псори гугъуехьым къыхешыж абы.
Сыту жыпӀэмэ Уэращ, Зиусхьэн, сызщыгугъыр, си цӀыкӀугъуэм щыублауэ си дзыхьщӀэгъур.
Зиусхьэныр щхьэегъэзыпӀэ зыхуэсщӀащ; сыт щхьэкӀэ къызжефӀэрэ: «Фи къущхьэхэм лъэтэж бзум хуэдэу»?
Уи Ӏэр лъагапӀэм къешиехи, сыкъегъэл, псыбэм сыхэшыжи; хамэ цӀыхухэм саӀэщӀэхыж,
Сызэрыхейм папщӀэ Уэ сыпӀыгъщ, Уи пащхьэ игъащӀэкӀэ сибгъэуващ.