10 ХытӀыгухэм, Таршышым я пащтыхьхэм абы къуэды кърырет. Шэбэмрэ Сэбэмрэ я пащтыхьхэм тыгъэ къыхурехь.
СыщӀохъуэпс, сыхуопабгъэ, Зиусхьэным и пщӀантӀэм, си гуи си пкъи Тхьэуэ гъащӀэ къыдэзытым щӀыхь уэрэд хужаӀэ.
Уафэгум нэхърэ нэхъ лъагэу уӀэтауэ ирехъу Уэ, ди Тхьэр, щӀыгум дэнэкӀи уи щӀыхьыр щрыреӀэ.
Нэху зэрыщу дин пашэшхуэ псори цӀыхухэм я нэхъыжьхэри зэчэнджэщыжри, Хьисэ укӀ тралъхьэну мурад ящӀащ.
Сыт зыкъызыхуаӀэтыр щӀым щытепщэхэр, зэгуроӀуэ тепщэныгъэ зиӀэхэр, Зиусхьэнми Абы Хихами пэувыжхэу?