Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Уэрэд 7:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 И гуэныхьхэм зыгуэр хущӀемыгъуэжмэ, Тхьэм и джатэр щӀелъыкӀ, и шабзэр еузэдри бзэпсыр ешэщӀ;

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Уэрэд 7:13
17 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Фэ гузэвэгъуэ фыхэзыдзэ цӀыхухэр гузэвэгъуэм хидзэжыну Тхьэм захуагъэу елъытэ.


Уи гуащӀэкӀэ бгъэуващ бгыхэр, лъэкӀыныгъэшхуэр уи фащэщ,


Тхьэм и къалэм щоушэ псы уэрхэр – Псом я Нэхъ Лъагэм и псэупӀэм.


ЗыдэсщӀэж гуэныхьхэм сэ, уи ӀурыщӀэр, сащыхъумэ – абыхэм я Ӏэ илъ сымыхъуну. Абы щыгъуэм сызэрагъэкъуэншэн гуэри збгъэдэлъынкъым, гуэныхьышхуэхэмкӀи сыкъэбзэнщ.


сыту жыпӀэмэ цӀыху Ӏейхэм уэ уи цӀыху лъапӀэхэмрэ уи бегъымбархэмрэ я лъыр зэрагъэжам папщӀэ, лъы ебгъэфащ. Ар абыхэм яхуэфащэщ».


Ахэр макъышхуэкӀэ къэджащ: «Уэ Зиусхьэн лъапӀэ икӀи щыпкъагъэ зиӀэ Зиусхьэн, ди лъыр зыгъэжауэ дунейм тет цӀыхухэм я хьэкумыр щатепщӀыхьынум икӀи яхуэфащэр щебгъэпшыныжынум сыт пщӀондэ дыпэбгъэплъэну?»


Ӏуэху шынагъуэу Уэ зэфӀэпхахэм я лъэкӀыныгъэшхуэм и хъыбар яӀуэтэнщ цӀыхухэм, сэри Уэ уи инагъым и хъыбар зэлъезгъэщӀысынщ.


Уэращ къыхэзыхыр тхьэлъэӀур: цӀыху псори уи деж нэкӀуэнщ я гуэныхьхэм ябжь ятелъу.


ЦӀыху бзаджэхэм даӀэщӀэхыж, Зиусхьэн: сыту жыпӀэмэ цӀыхуфӀ къэнэжакъым, щыпкъагъэ къыпхуизыӀэ яхэтыжкъым дунейм и цӀыхухэм.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ