5 ИрегуфӀэж, ягу кърырехьэж, зыкъыпхуэзыгъазэ псоми! Уи фӀыгъэкӀэ къызэрелынум щхьэкӀэ фӀыщӀэ зыщӀхэм зэпымыууэ жраӀэ: «Ин дыдэщ Тхьэр!»
Хабзэншагъэу сщӀа псоми сахэшыж, акъылыншэм нэмыплъ къызремыт.
Зиусхьэн, къызжеӀэ си гъащӀэр щызухынур – сыгъащӀэ махуэхэм я бжыгъэр зыхуэдизыр, пӀалъэ гъэнэхуа сызэриӀэр сыгъащӀэ.
Зиусхьэныращ сыкъэзыхъумэ абрэмывэ быдапӀэу сиӀэр, бийхэм саӀэщӀэзыхыр, си Тхьэр – си къуршу щхьэегъэзыпӀэу сиӀэр, си мэӀур, сыкъезыгъэл гуащӀэшхуэр, си щтапӀэр.