6 Ди Тхьэ! Уэ уощӀэ сызэрыакъылыншэр, мыхъуну сщӀахэр УэркӀэ щэхукъым.
Дэракъым, Зиусхьэн, дэракъым щӀыхь зыхуэфащэр, щӀыхьыр уи цӀэм хуагъэфэщащ, уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжымрэ уи щыпкъагъэмрэ папщӀэ.
Тхьэр ди гъусэмэ, дымыгъэхъэн щыӀэкъым. Ар ятекӀуэнщ ди бийхэм.
Моаб – зызэрыстхьэщӀ лэджэнщ, Эдом – си къатыр лъэгущ, си текӀуэныгъэм и макъыр филишт щӀыгум гуфӀэгъуэшхуэкӀэ сэ щысӀуэтэнщ».
Зиусхьэным щӀыхь уэрэдыр хужыфӀэ; пшынэ дыкъуакъуэкӀэ фыдежьу ди Тхьэм.
Тхьэм и псалъэ тхахэм мыпхуэдэу хэтщ: «ГуфӀэ, уэ, сабий къызыхэмыкӀ, сабий къызыщӀэмыхъуа цӀыхубз. Уэ, лъхуэным гугъу иримыгъэхьар, Уи макъ зебгъэӀэтауэ гуфӀэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лӀы зиӀэм нэхърэ, лӀым иригъэкӀыжа цӀыхубзым иӀэ сабийхэр нэхъ куэдщ».
ЩӀыр напӀэзыпӀэм ин дыдэу хъейри, лъэхъуэщым и лъабжьэр къызэщӀэзджызджащ. А сыхьэт дыдэм лъэхъуэщым и бжэ псори къызэӀукӀащ, лъэхъуэщым щӀэс псоми я гъущӀ Ӏэхъулъэхъухэри къызэрылъэлъащ.