5 Лажьэ симыӀэу, си жагъуэгъухэр щхьэцу стетым нэхъыбэ хъуащ; сагъэкӀуэдмэ, яфӀэигъуэу, пцӀыкӀэ сыкъэзыувыхьхэм гуащӀэ яӀэщ; естыжын хуей абыхэм къатезмыхар?
Былымхэм удз ярет, къуалэжьым и шырхэри егъашхэ.
Сыту жыпӀэмэ абыхэм къин ялъагъуркъым, псэуныгъи гуащӀи яӀэщ.
Тхьэм фӀыуэ илъагъу быну фызэрыщытым щхьэкӀэ абы и лъэужьым фрикӀуэ.
Сэ сещӀэным зымащӀэщ иӀэжар, сыцӀантхъуи пэтащ.
Уи бзэгум жомыгъэӀэ бзаджагъэ, уи жьэм къыжьэдумыгъэкӀ хьилагъэхэр.
Сэ дунейм сыщыхьэщӀэщ, сфӀомыущэху уи унафэхэр.
ЖьыкӀэ бауэ псоми Зиусхьэным щӀыхь хурещӀ! Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ!