32 Ар Зиусхьэным игу нэхъ ирихьынщ вы нэхъри, бжьакъуэ зытету лъабжьэ зиӀэ танэм нэхъри.
Уэ, Зиусхьэн, къыпщымышынэ цӀыхуи щӀыхьышхуэ къыпхуэзымыщӀ цӀыхуи щыӀэкъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъапӀэ закъуэу щыӀэр уэращ. ЩыпкъагъэкӀэ хьэкум зэрыпщӀэр нахуэ зэрыхъуам щхьэкӀэ, лъэпкъ псори уи пащхьэм ихьэнурэ уагъэлъэпӀэнущ».
Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ Абы къигъэхъуа псоми, Абы тепщэныгъэр зыщиӀыгъ щӀыпӀэ псоми. ЩӀыхь хуэфщӀ, сигу, Зиусхьэным!
Уэрэд яхужысӀэнщ Тхьэм хуэщыпкъагъэмрэ цӀыхухэм яхуэзахуагъэмрэ; Уэр папщӀэ, Зиусхьэн, уэрэд жысӀэнщ сэ.