30 СекӀэкӀуащ сэ, гузэвэгъуэм сыхэтщ; Уи дэӀэпыкъуэгъукӀэ, ди Тхьэ, сыкъызэфӀэгъэувэж.
Зэбииныгъэрэ зэщыхьэныгъэрэ дэнэ къикӀыу къыфхыхьэрэ? Хъуэпсэныгъэ Ӏейхэу фигухэм илъу щызэныкъуэкъухэракъэ къызыхэкӀыр?
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сигукӀэ Тхьэм и хабзэм сыщогуфӀыкӀ,
Зиусхьэным ущихъумэнщ сыт хуэдэ бзаджагъэми; уи псэр къихъумэнщ Зиусхьэным.
Дэ къэдгъащӀэ илъэсхэм я махуэхэр илъэс хыщӀрэ пщӀырэщ, нэхъ лъэрызехьэхэм – илъэс пщӀей; я нэхъ бжьыгъуэфӀыр зэшымрэ гугъехьымрэ яӀэрохьэ, сыту жыпӀэмэ псынщӀэу макӀуэри, дэри дадобзэхыж.
Зиусхьэныр вгъэлъапӀэ, Ар къыфхуэмыгубжьын, фызытет гъуэгум фытемыкӀуэдэн папщӀэ; сыту жыпӀэмэ Абы и губжьыр щӀэх къызэщӀэплъэнущ. Гъуэгу махуэ теуващ Абы щхьэегъэзыпӀэкӀэ зыхуэзыгъазэ псори.
Аращи, цӀыхухэм абыхэм зыхуагъазэ, зэрагъэмысэни ягъуэтыркъым.