3 Шэд куум сыхэнащ сэ, сызытеувэни симыӀэу, архъуанэм сизэрыхьащ сэ, срехьэжьэ псыдзэшхуэм.
Уэ щӀыгум ухуогумащӀэ, зыхуэныкъуэр ибогъэгъуэт, и мылъкум жумарту хыбогъахъуэ. Тхьэм и псыхъуэм псыр дэзщ; Гъавэ щыбогъэкӀ, апхуэдэу псори бгъэпсащи;
Сыт щыгъуи фыгуфӀэ.
ДывгъэгуфӀэ икӀи дывгъэтхъэж, щӀыхьышхуэри хуэдвгъэщӀ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Щынэм и къэшэгъуэр къэсащ, нысащӀэ хъунум зегъэхьэзыр.
А къалэшхуэр Тхьэм зэрызэхикъутам щхьэкӀэ уафэри, апостолхэри, бегъымбархэри, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэри фыгуфӀэ, бзаджагъэу къывищӀар Тхьэм а къалэм иригъэпшыныжащи».
Хьисэ Мэссихь фымылъэгъуауэ щыт пэтми, фӀыуэ фолъагъу. ИджыкӀэ фымылъагъу пэтми, абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэщ, псалъэхэм жамыӀэфыну щӀыхьышхуэ зыхэлъ гуфӀэгъуэшхуи фи гум илъщ.
Уэращ гуащӀэ къызэзытыр; Уэращ сызэплъынур, сыту жыпӀэмэ Уэ, ди Тхьэ, быдапӀэу узиӀэщ.
Сыту жыпӀэмэ абыхэм я джатэкӀэкъым щӀыгур зэраубыдар, я гуащӀэркъым текӀуэныгъэр къахуэзыхьар – Уи Ӏэ ижьымкӀэщ, уи гуащӀэкӀэщ, уи нэгу и нэхугъэкӀэщ; сыту жыпӀэмэ Уэ абыхэм нэфӀкӀэ уеплъащ.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Нэхущыгъуэм деж къэлъагъуэ мэз бжэным ехьэлӀа уэрэдым и макъамэр щӀэлъу жаӀэ. Даут и уэрэд
Зиусхьэным къиухэсар игъащӀэкӀэ щыӀэнущ; и гупсысэхэри лӀэужь псоми ядызекӀуэнущ.
Лажьэ симыӀэу сызыгъэбийхэр гуащӀафӀэщ, сыхейуэ, си жагъуэгъухэр мэбагъуэ.
Шабзэшэ псынщӀэхэр, джатэр, мэӀур, къинэмыщӀ Ӏэщэхэр Абы щикъутащ абдежым.