24 Я нэхэр иреункӀыфӀ, ялъагъужынӀа ялъэмыкӀыу; я лъакъуэхэр ирекӀэзыз зэпымыууэ.
Си тхьэусыхэ макъ зэхэх Уэ, ди Тхьэ, си бийхэм сащошынэ – си псэр къегъэл.
Лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж къысхузиӀэ си Тхьэр къыздеӀэнщ; си бийхэм ятекӀуауэ Тхьэм сигъэлъагъунщ.