20 Уэ уощӀэ сызэраубыр, си напэ зэрытрахыр, ауан сызэращӀыр; си бийхэр псори уи пащхьэ итщ.
ГъащӀэ зиӀэр сэращ. СылӀащ, ауэ иджы сыпсэущ икӀи игъащӀэкӀи сыпсэунущ. Ӏэмин. ЛӀэныгъэми хьэдрыхэми я ӀункӀыбзэхэр сӀыгъщ.
Адэ лъапӀэм лӀахэр къызэригъэтэджыжым икӀи къызэригъэпсэужым хуэдэу, абы и Къуэми езыр зыхуей цӀыхухэр къегъэпсэуж.
МелыӀыч гуэр слъэгъуащ итӀанэ уафэм къехыу. ЩӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм и ӀункӀыбзи лэрыпсышхуэ гуэри иӀыгът абы.
цӀыху псоми Адэ лъапӀэм щӀыхь зэрыхуащӀым хуэдэу, абы и Къуэми щӀыхь къыхуащӀын щхьэкӀэ. Абы и Къуэм щӀыхь къыхуэзымыщӀым ар къэзыгъэкӀуа Адэ лъапӀэми щӀыхь хуимыщӀу арщ.
Фэ, самарие цӀыхухэм, фызэлъэӀу Тхьэр фщӀэркъым, ауэ дэ дызэлъэӀу Тхьэр дощӀэ, мы дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр журтхэм ящыщщи.