17 Жэуап къызэт, Зиусхьэн, сыту жыпӀэмэ уи лъагъуныгъэр мыкӀуэдыжыр фӀыщ. Зыкъысхуэгъазэ, уи фӀыщӀагъэ бэ дыдэщ.
ИтӀанэ сыщыплъэм, тахътэм, псэущхьиплӀым, тхьэмадэ нэхъыжьхэм яхъуреягъкӀэ къеувэкӀауэ мелыӀыч куэд дыдэхэм я макъыр зэхэсхащ; ахэр я бжыгъэкӀэ мин Ӏэджэ хъурт.
Хьэмэрэ си Адэм семылъэӀуфын уи гугъэ? СелъэӀумэ, мелыӀыч дзэ пщыкӀутӀым нэхърэ нэхъыбэ къысхуигъэкӀуэнущ асыхьэту.
А шуудзэм хэтахэм я бжыгъэр мелуан щитӀ хъурт. Я бжыгъэр зыхуэдизыр зэхэсхащ.
Зиусхьэным и фӀэлӀыкӀ къабзэщ, игъащӀэкӀэ щыӀэнущ ар. Зиусхьэным и хьэкумыр щыпкъагъэщ икӀи захуагъэщ.
Цион Ӏуащхьэм тес Зиусхьэным и щӀыхь фӀуатэ, Абы и ӀуэхущӀафэхэм я хъыбар цӀыху лъэпкъхэм ялъэвгъэӀэс!