7 Зи закъуэхэр Тхьэм унэм щегъэпсэу, Ӏэхъулъэхъур ярехыж, гухуит-щхьэхуит ещӀыж хьэпсым исхэр, зызыгъэкъейгъэхэр къум нэщӀ пщтырым къренэ.
(Паул итӀанэ къыщӀигъужащ:) – Ибрэхьим къытехъукӀа си къуэшхэ, фэ нэгъуэщӀ лъэпкъхэм щыщу Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъхэ, Тхьэм цӀыхухэр мыкӀуэду къызэрыригъэлым и хъыбарыр къызылъэӀэсар дэращ.
ФыкъакӀуи, феплъ Тхьэм и ӀэщӀагъэхэм, Тхьэр – шынагъуэщ, Ӏуэхуу зэрихьэхэм цӀыхухэм я гур егъэкӀэзыз.
Уэ, Зиусхьэн, къыпщымышынэ цӀыхуи щӀыхьышхуэ къыпхуэзымыщӀ цӀыхуи щыӀэкъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъапӀэ закъуэу щыӀэр уэращ. ЩыпкъагъэкӀэ хьэкум зэрыпщӀэр нахуэ зэрыхъуам щхьэкӀэ, лъэпкъ псори уи пащхьэм ихьэнурэ уагъэлъэпӀэнущ».
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм мыпхуэдэу унафэ къытхуищӀащ: «Хамэ лъэпкъхэм нэхугъэ уахуэхъуну узгъэуващ, щӀым и гъунэхэм нэсыху, цӀыхухэр мыкӀуэду къебгъэлын щхьэкӀэ».
ГъащӀэм хуэкӀуэ гъуэгухэр сыбгъэщӀащ. Сэ уи дэжи сыщыбгъэгуфӀэнущ».
Сызэхэхи, Зиусхьэн, къысхуэгъэгъу; Зиусхьэн, дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъу».
Аращи, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ Ибрэхьим Тхьэм и нэфӀ къызэрыщыхуам хуэдэу, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми абы и нэфӀ къащыхуэнущ.
Уи цӀэ ин дыдэу шынагъуэм щӀыхь хурещӀ! ЛъапӀэ дыдэщ Ар.
Ауэ Тхьэм и унэшхуэм сыщыщӀыхьэм, къызгурыӀуащ кӀэухыу яӀэнур.
Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хузиӀэхэр къехъумэ Абы и мелыӀычым, яхешыж къиныгъэу яӀэм.
Мэссихь ди щхьэхэр къыщӀищэхужар Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъа нэфӀ щыхуэныгъэр езы Мэссихь Хьисэ хамэ лъэпкъхэми ялъигъэсын папщӀэщ. Апхуэдэ щыхъукӀэ дэ фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм дызэригъэгугъа и Псэ ЛъапӀэр дигухэм къарилъхьэнущ.