4 Тхьэм хуэщыпкъэхэм гукъыдэж ирегъуэтыж, Тхьэм и пащхьэм щрегуфӀэж, ХъеркӀэ гуфӀэгъуэшхуэ ирыреӀэ.
Зиусхьэну ди Тхьэм и щӀыхьыр фӀэт, Абы щхьэщэ щыхуэфщӀ и бгы лъапӀэм – лъапӀэщ Зиусхьэну ди Тхьэр!
Ауэ Зиусхьэныр и тахътэм тесынщ игъащӀэкӀэ; хьэкум ищӀэну и тахътэр къигъэуващ Абы.
Зэдэарызыуэ зэрыгъэӀущащ, зэгуроӀуэ Уэ къыппэувыну:
Уэ уи ерыщыгъэкӀи уигукӀэ уи гуэныхьхэм узэрахущӀемыгъуэжым щхьэкӀи Тхьэм и губжьымрэ и хьэкум захуэмрэ къыщылъэгъуэну махуэм деж Тхьэм губжьу къыптрилъхьэнум хыбогъахъуэ.
Зиусхьэным фӀыуэ елъагъу ер зи жагъуэхэр! Езым и цӀыху лъапӀэхэм я псэр Абы къехъумэ, гуэныхь зылэжьхэм къыӀэщӀехыж.
Сэ къызэлъэӀуи, цӀыху лъэпкъхэри тыгъэ лъапӀэу, щӀылъэри зэрыщыту уи Ӏэ илъыну уэстынщ;
Дауэ хъун Уэ ар пщӀэну, щыпкъагъэ зиӀэри зимыӀэри зэдэбгъэкӀуэдыну, щыпкъагъэ зимыӀэм къыщыщӀыр щыпкъагъэ зиӀэм къехъулӀэу; дауэ хъун Уэ ар къыббгъэдэкӀыу! ЩӀылъэ псом и хеящӀэм дауэ лей зэрихьэн?
Тхьэм и псалъэ тхахэм мыпхуэдэу хэтщ: «ГуфӀэ, уэ, сабий къызыхэмыкӀ, сабий къызыщӀэмыхъуа цӀыхубз. Уэ, лъхуэным гугъу иримыгъэхьар, Уи макъ зебгъэӀэтауэ гуфӀэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лӀы зиӀэм нэхърэ, лӀым иригъэкӀыжа цӀыхубзым иӀэ сабийхэр нэхъ куэдщ».
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм зы махуэ игъэуващ. Езым къигъэлъэгъуа лӀым дунейм и цӀыху псоми хьэкум захуэ ятригъэщӀыхьынущ а махуэм. Апхуэдэу зэрыхъунур Тхьэм цӀыху псоми ягуригъэӀуащ а лӀыр лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжурэ.