4 Ди Тхьэ, цӀыху лъэпкъхэм щӀыхь къыпхурещӀ, щӀыхь къыпхурещӀ цӀыху лъэпкъ псоми!
Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ, сыту жыпӀэмэ Ар фӀыщ, кӀуэдыжынкъым лъагъуныгъэу дэ Абы къытхуиӀэр.
Уэ, Зиусхьэн, къыпщымышынэ цӀыхуи щӀыхьышхуэ къыпхуэзымыщӀ цӀыхуи щыӀэкъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъапӀэ закъуэу щыӀэр уэращ. ЩыпкъагъэкӀэ хьэкум зэрыпщӀэр нахуэ зэрыхъуам щхьэкӀэ, лъэпкъ псори уи пащхьэм ихьэнурэ уагъэлъэпӀэнущ».
ФыкъакӀуи, феплъ Тхьэм и ӀэщӀагъэхэм, Тхьэр – шынагъуэщ, Ӏуэхуу зэрихьэхэм цӀыхухэм я гур егъэкӀэзыз.