2 Ди Тхьэ, гущӀэгъу къытхуэщӀ, уи нэфӀ къытщыгъахуэ; уи нэгум и нэху къыттегъапсэ,
Уафэми, щӀыми, щӀы щӀагъми, хыми щыпсэууэ Тхьэм къигъэщӀа псэ зыпыт псоми къыжаӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «ФӀыщӀэшхуэр, лъытэныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр, тепщэныгъэшхуэр тахътэм тесымрэ Щынэмрэ яйщ игъащӀэкӀэ».
Апхуэдэу жрыреӀэ Зиусхьэным къригъэла псоми, бийхэм къаӀэщӀихыжахэм,
Мысырым санащхьэ бжьалэр къипхащ, цӀыху лъэпкъхэр ипхури, ар хэпсащ;
Ахэр гъуэгу цӀэнтхъуэрыгъуэм Уэ тыбогъэувэ. Уэ ахэр йогъэхуэх щыхупӀэм.
Егъэзыгъэ хъуахэм ар ялъагъунщи, гуфӀэжынщ. Тхьэм лъыхъуэхэм ягу къихьэжынщ.