8 ЦӀыху лъэпкъхэм, ди Тхьэм щӀыхь хуащӀ, Абы и щӀыхь макъ зэхрех цӀыхухэм.
Дыгъэми мазэми щӀыхь хуэфщӀ Абы, лыдырэ вагъуэ псоми щӀыхь хуэфщӀ Абы.
Бабилэн зыхъунщӀа! Уэ къыдэпщӀам хуэфащэр уэзыгъэпшыныжынур насыпыфӀэщ!
Жьыуэ фыкъызэрытэджри, кӀасэу фызэрыгъуэлъыжри, гузэвэгъуэкӀэ щӀакхъуэ зэрыфшхри – пщӀэншэщ. Зиусхьэным Езым фӀыуэ илъагъухэм щыжейкӀэ зыхуэныкъуэр яретыж.
ЩӀыр ину хъеящ а сыхьэт дыдэм, къалэм и Ӏыхьэ пщӀанэри зэхэкъутащ. ЩӀыр щыхъейм, цӀыху минибл хэкӀуэдащ. МыкӀуэду къелахэри шынагъуэшхуэм хэхуащ икӀи уафэм щыӀэ Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀащ.
мазэр, вагъуэхэр зэрагъэкӀуэну, жэщыр – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;
УигукӀэ пфӀэигъуэр къурырет, гухэлъу уиӀэ псори къыбдрегъэхъу.
Сэ къызэлъэӀуи, цӀыху лъэпкъхэри тыгъэ лъапӀэу, щӀылъэри зэрыщыту уи Ӏэ илъыну уэстынщ;
дунейм и цӀыхухэр уи гъуэгум нэӀуасэ хуэхъуну, гуащӀэ узэриӀэр цӀыху лъэпкъ псоми ящӀэну.
Къурмэн гъэсынхэр сщӀыну, уи унэшхуэм сынихьэнщ, псалъэу уэстар згъэпэжынщ –
ДяпэкӀэ щӀылъэр щыӀэху зэпыунукъым сэнри хэнри, щӀыӀэри хуабэри, гъэмахуэри щӀымахуэри, махуэри жэщри.
Дэ къэдгъащӀэ илъэсхэм я махуэхэр илъэс хыщӀрэ пщӀырэщ, нэхъ лъэрызехьэхэм – илъэс пщӀей; я нэхъ бжьыгъуэфӀыр зэшымрэ гугъехьымрэ яӀэрохьэ, сыту жыпӀэмэ псынщӀэу макӀуэри, дэри дадобзэхыж.