7 ЛъэкӀыныгъэ ину иӀэмкӀэ Абы тетыгъуэр иӀыгъщ игъащӀэкӀэ; Абы и нэм хамэ лъэпкъхэр елъагъу, Ар кърамыдзэу зызыгъэкъайгъэхэм зыкъремыӀэт.
Дэ ди махуэхэр псори уи губжь хэту кӀуащ; хэщэтыкӀ макъым хуэдэу ди илъэсхэр псынщӀэу блэкӀащ.
«Сэращ ар» жиӀэу Хьисэ щажриӀэм, ахэр икӀуэтыжри, щӀым зрадзыхащ.
Щыгъупща Тхьэм гущӀэгъу къытхуищӀыну? Къытхуэгубжьауэ, и гущӀэгъу къытлъимыгъэӀэсыжыну ара?»
Уэ, Зиусхьэну цӀыхур зыгъэпшынэжым, Уэ, Тхьэуэ цӀыхум и гъэпшынакӀуэм, уи губжь къэгъэлъагъуэ!
– Сэ стхар тхауэ щрет, – жиӀащ Пилат.