Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Уэрэд 65:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Щхьэщэ къыпхуащӀ зэрыщӀыгуу, пхужаӀэ щытхъу уэрэд, уи цӀэм уэрэд хужаӀэ».

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Уэрэд 65:4
22 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Уи губжьыр зэхэпхьэжащ, уи губжь лъэщым уи щӀыб хуэбгъэзащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм дунейр иухуэн и пэ, Мэссихь ди псэм зэрыхэлъым щхьэкӀэ езым и бынхэм ящыщ дыхъуну дыкъыхихащ, ди гур къабзэу, къуаншагъэ лъэпкъ дбгъэдэмылъу, фӀылъагъуныгъэ ди гум илъу, езым и пащхьэм дыщыпсэун папщӀэ.


Апхуэдэщ Абы лъыхъухэр, и нэгу зыхуэзыгъазэр Екъуб и Тхьэм.


Губжьыным зыщыдзей, зызыщӀумыгъаплъэ, абы къыхэкӀыр фӀыкъым.


НыбжьыщӀэхэр си деж фыкъакӀуи, фыкъызэдэӀу, Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хувиӀэну сэ фызгъэсэнщ.


Фэ, зыкъызыфӀэщӀыжхэм, си щӀыхьыр сыт хуэдизрэ вгъэпудыну? Ӏуэху пщӀэншэхэм зыдевгъэхьэхыу, пцӀым сыт хуэдизрэ фыхэтыну?


ТекӀуэныгъэр къэзыхьыр си Тхьэм и унэшхуэм пкъоууэ щӀэзгъэувэнущ, а унэшхуэми зэи щӀэкӀыжынукъым. Си Тхьэм и цӀэрэ си Тхьэм и къалэшхуэу ЕрусалимыщӀэм и цӀэрэ а цӀыхум и натӀэм тестхэнущ. А къалэр си Тхьэуэ уафэм щыӀэм деж къикӀыу къехынущ. Сэ цӀэщӀэу сиӀэри а цӀыхум и натӀэм тестхэнущ.


лажьэ зимыӀэм щэхуу еуэнхэу; ахэр йоуэ абы, мыӀэнкуну, шынэхэркъым.


Сыхъумэ, си Тхьэ, щхьэегъэзыпӀэ сщӀар Уэращ.


Си щӀалэгъуэм гуэныхьу сщӀахэр, си хабзэншагъэхэр уигу ирыремылъ. Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым, уи фӀыгъэм я хьэтыркӀэ уигу сигъэлъ зэпыт, Зиусхьэн!


КъиутӀыпщри и шабзэшэхэр къатрипхъащ и бийхэм, ирикъухьащ ахэр бжыкӀэ.


Ауэ Зиусхьэным фӀыуэ илъагъу фи къуэшхэ, фэр щхьэкӀэ Тхьэм зэпымычу фӀыщӀэ хуэтщӀын хуейщ, япэ дыдэм къыщыщӀэдзауэ фымыкӀуэду фыкъригъэлын щхьэкӀэ, Тхьэм фыкъыхихащ. Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гур зыгъэкъабзэм и лъэкӀыныгъэкӀи, щыпкъагъэр фи фӀэщ зэрыхъуамкӀи фымыкӀуэду фыкърегъэл.


Зи закъуэу Ӏуэхушхуэ щӀагъуэхэр зэфӀэзыхын зылъэкӀым – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;


Зиусхьэн, къызжеӀэ си гъащӀэр щызухынур – сыгъащӀэ махуэхэм я бжыгъэр зыхуэдизыр, пӀалъэ гъэнэхуа сызэриӀэр сыгъащӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ