Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Уэрэд 64:5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

5 Гъуэгу махуэ теуващ Уэ къыхэпхар, благъэ зыхуэпщӀауэ, уи пщӀантӀэм щыпсэунур! Уи унэм, уи унэшхуэ лъапӀэм и фӀыгъэхэмкӀэ зыдгъэтхъэжынщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Уэрэд 64:5
17 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Срегъэпшынэж щыпкъагъэ зиӀэ цӀыхум: ар гущӀэгъущ, къыщӀрегъэщ абы си къуаншагъэ; ар си щхьэм къемыгуэуэн дагъэ дэгъуэщ; ауэ си лъэӀухэр абыхэм я бзаджагъэм поув.


Сыту жыпӀэмэ аращ дэ ди Тхьэр, Абы и мэл хъушэм дыщыщщ, Абы и Ӏэм зэришэ мэлхэр дэращ. Ей, Абы и макъ нобэ фэ федгъэӀуатэмэ:


Уэ фӀыуэ плъагъухэр гугъуехьым хэкӀыжын папщӀэ; Уи Ӏэ ижьымкӀэ сыкъегъэли, сызэхэх.


А тӀур зэрылӀам щхьэкӀэ гуфӀэнущ икӀи тхъэжынущ дунейм тетхэр. Тыгъэхэри зэхурагъэхьынущ, а бегъымбаритӀым щӀылъэм тет цӀыхухэм гугъуехь ирагъэшэчу щытащи.


– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитӀхэ! Фэ щӀыми хыми къыщывокӀухь, фи диным зы цӀыху закъуэ къивгъэхьэн щхьэкӀэ. Ар къыщывэхъулӀэкӀэ, фэр нэхърэ тӀукӀэ нэхъ Ӏейуэ жыхьэнмэ бын ар фощӀ.


Си адэм и унэм сыкъыщӀишу Тхьэм сыщришэжьам щыгъуэ сэ абы жесӀащ: «МыбыкӀэ си хьэтыр къэлъагъуи, сыт хуэдэ щӀыпӀэ дыкӀуэми, дэнэ дежи щыжыӀэ сэр щхьэкӀэ: „Мыр си дэлъхущ“ жыӀи».


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ