8 Гугъуехьым сыхэзышыжыр, щӀыхь къызэзытри Тхьэращ; лъэкӀыныгъэ зиӀэ абрэмывэу си щхьэегъэзыпӀэр Тхьэращ.
ГуфӀэгъуэ макъыр хуэфӀэт зэрыщӀыгуу.
Санащхьэм къещӀэкӀа бжыхьыр сыт щхьэкӀэ бгъэуа? Абы къыпыкӀэр блэкӀ псоми пач абы къыхэкӀкӀэ.
Зиусхьэным Ерусалим егъэувыж, еугъуеиж Израил ирахуахэр.
Си бийхэми си гъунэгъу дыдэхэми – псоми сауб, си нэӀуасэхэмкӀи шынагъуэ сыхъуащ: уэрамым къыщызихьэлӀэхэр збгъэдож.
НэфӀкӀэ укъызэрызэплъыр къызегъащӀэ си бийр къызэрыстемыкӀуэм.
Сыту жыпӀэмэ илъэс минхэр УэркӀэ дыгъуасэ блэкӀа махуэми, жэщым хэт къэрэгъулми хуэдэщ.