7 А зыращ сыкъэзыхъумэ абрэмывэр, быдапӀэу сиӀэр, сыгулэзыжынкъым игъащӀэкӀэ.
Ауэ, Уэ Зиусхьэн, гущӀэгъу къысхуэщӀ, сыкъызэфӀэгъэувэжи, абыхэм яхуэфащэр ялъызгъэсынщ.
Мыр жиӀэри: – ЩӀыхьышхуэр ейщ Зиусхьэну Ибрэхьим и Тхьэм, и фӀыгъуэрэ и пэжыгъэрэ си тепщэр хэзымыгъэнам, – жиӀащ абы. – Зиусхьэным гъуэгу занщӀэкӀэ сыкъыхуишащ си тепщэм и Ӏыхьлыхэм я унэм.
Хьэуэ, щывохъумэ фэ фигухэм мызахуагъэр хабзэншагъэр фи ӀэхэмкӀи яхувогуэщ.
Сыт узыгъэхыщӀэр, сигу, сыт узыгъэгумэщӀыр? Тхьэм щыгугъ, зышыӀэ; сыту жыпӀэмэ сэ Абы щытхъу хуэсщӀынщ ыджыри, – си КъегъэлакӀуэу си Тхьэм.
ЦӀыхухэм ящӀа шэтыру, Тхьэр здэщыӀэ щӀыпӀэ пэжым и сурэту щытыракъым Мэссихь зыщӀыхьар, атӀэ уафэу Тхьэр здэщыӀэ щӀыпӀэ дыдэрщ зыщӀыхьар, Тхьэм и пащхьэм дэр щхьэкӀэ иджы ихьэну.
МыкӀуэдыжын тепщэныгъэ Екъуб и лъэпкъым хуиӀэнущ абы. И тепщэныгъэшхуэм зэи кӀэ иӀэнукъым.
Хамэ лъэпкъхэр ипхуащ уи ӀэкӀэ, абыхэм я хэкум ди адэжьхэр ибгъэтӀысхьащ; хамэ лъэпкъхэр бгъэунэхъуащ, ауэ ди адэжьхэр бгъэунащ.
Сахуэфащэкъым сэ зэкӀэ фӀыгъуэрэ пэжыгъэрэ пщӀэуэ Уэ сэ, Уи ӀурыщӀэм, къысхуэпщӀахэм; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ си башыр сӀыгъыу сызэпрыкӀащ мы Иордан псым; атӀэми иджы сэ гупитӀ мылъку яӀэу си гъусэщ.
Ди адэжьхэр Уэ къыпщыгугъащ; хэкӀыжащ, къыпщыгугъти;