5 Ар лъэгапӀэм кърадзыхыну абыхэм я мурадщ, пцӀыр я щӀасэщ абыхэм; фӀы жаӀэ я жьэкӀэ, ягукӀэ гыбзэм ирагъэхь.
Уафэгум нэхърэ нэхъ лъагэу уӀэтауэ ирехъу Уэ, ди Тхьэр; щӀыгум дэнэкӀи уи щӀыхьыр щреӀуатэ!
Сыт хуэдэ лъэпкъым къыхэкӀауи щрет, Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъыр икӀи щыпкъагъэр зыгъэзащӀэ дэтхэнэри Тхьэм ещтэ.
ГуфӀэгъуэ макъыр хуэфӀэт зэрыщӀыгуу.
ЩӀыгур къэсысри, къэлъэлъащ, къущхьэ лъащӀэхэр къэтхытхри, къэкӀэзызащ, Тхьэр къэгубжьащи.
Зиусхьэным щӀыхь хуэтщӀыныр, Уэ, Псоми Я Нэхъ Лъагэм, уи цӀэм щӀыхь уэрэд хужытӀэныр фӀыщ;