5 ИгъащӀэкӀэ сыщрепсэу уи унэшхуэм, Уи дамэ щӀагъым щхьэегъэзыпӀэ сыщреӀэ.
ЩӀыпӀэ зэвым сихуауэ, Зиусхьэным зыхуэзгъэзащ, си Тхьэм селъэӀуащ къыздэӀэпыкъуну. И унэшхуэм ису, Абы си макъ зэхихащ, лъэӀэсащ Абы си джэ макъыр.
Петр здэпсалъэм, пшэ Ӏэрамэ нэху напӀэзыпӀэм абыхэм къащхьэщыхьащ. А пшэм макъ къыхэӀукӀащ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр. Абы жиӀэм федаӀуэ.
БзаджащӀэхэм я гуащӀэр Тхьэм икъутэнщ, Тхьэм щыпкъагъэ хузиӀэр лъагэу иӀэтынщ.
Уафэм макъ къиӀукӀащ итӀанэ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр.
Уи Ӏэм къалэжыр пшхыжынщ; унасыпыфӀэщ, фӀыгъуэр ууейщ уэ!
ЩӀыхь ин дыдэ игъуэтащ абы Уэ укъызэрыдэӀэпыкъуам папщӀэ. Лъытэныгъэшхуэ дызепхьащ, пащтыхь ин пщӀащ.
Ишай и къуэ Даут и тхьэлъэӀухэр иухащ.
Уафэм къикӀыу, Уэ уи хьэкум цӀыхухэм ебгъэщӀащ; щӀыр къаскӀэри, Ӏэсэ хъуащ –