9 СпэӀэщӀэ зыфщӀ бзаджащӀэхэм – зэхихащ си гъы макъыр Зиусхьэным.
Ӏуащхьэхэм я дежкӀэ си нэплъэгъуэр согъазэ. Дэнэ къикӀыну си дэӀэпыкъуэгъур?
СызекӀуэми, зызгъэпсэхуми, Уэ къыздыбощӀэ сэ. Си гъуэгу псоми уащыгъуазэщ Уэ.
Хабзэу Уэ бгъэувахэр згъэзэщӀэну си гъуэгум лъэ быдэкӀэ срикӀуэурэ,
Ауэ Уэращ, Зиусхьэн, мэӀуу сыкъэзыхъумэр, текӀуэныгъэр сэзыгъэгъуэту, си щхьэр лъагэу сэзыгъэӀэтыр.