3 СыгуащӀаджэщ, Зиусхьэн, уи нэфӀкӀэ къызэплъ; си къупщхьэхэр къэкӀэзызащи, Ӏэзэгъуэ къысхуэхъу, Зиусхьэн.
Уатеувэнщ аслъэнымрэ благъуэжьымрэ; упӀытӀынщ аслъэнымрэ благъуэмрэ.
– Иджы согузавэ. Сыт къыжысӀэнур? Си Адэ, мы гугъуехьым сыхэхыж жысӀэн? Хьэуэ, мы гугъуехьыр сшэчын щхьэкӀэщ дунейм сыкъыщӀэкӀуар.
Тхьэм езым къыхиха, жэщи махуи хуабжьу къелъэӀу цӀыхухэм яхуэфащэр ялъигъэсынукъэ? Яхуэфащэр ялъигъэсыным пэплъэу куэдрэ щигъэтыну?
Абыхэм яжриӀащ: – СылӀэн хуэдэ, хуабжьу согузавэ. Фымыжейуэ, фысакъыу мыбы си гъусэу фыщыӀэ.
Я гугъэ хуагъэзэнщ Тхьэм итӀанэ, Тхьэм и Ӏуэхухэр ящымыгъупщэу, и унафэхэр ягъэзэщӀэнщ.
Сыт узыгъэхыщӀэр, сигу, сыт узыгъэгумэщӀыр? Тхьэм щыгугъ, зышыӀэ; сыту жыпӀэмэ сэ Абы щӀыхь хуэсщӀынщ иджыри – си КъегъэлакӀуэу си Тхьэм.
Сыт иджы гугъапӀэу сиӀэр, Зиусхьэн? ЗысшыӀэу, Уэращ сэ сызыщыгугъыр.
ГущӀэгъу къысхуэщӀ, Зиусхьэн; сызылъагъу мыхъухэм къину сагъэшэчым къеплъ Уэ, лӀэныгъэм и куэбжэм сыкъызыӀушыжыр,