Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Уэрэд 6:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 Зэхихащ си лъэӀур Зиусхьэным; си тхьэлъэӀур къабыл ищӀынущ Абы.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Уэрэд 6:10
23 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Уи цӀыхухэу уи тхьэрыкъуэ Ӏэсэхэр хьэкӀэкхъуэкӀэм яӀэщӀумылъхьэ; Уи цӀыхухэу тхьэмыщкӀэхэр, хуэмыщӀахэр зыщумыгъэгъупщэ.


Игу ящӀогъу къарууншэхэм, егъэзыгъэ хъуахэм, къулейсызхэм я псэр кърегъэл.


сыту жыпӀэмэ Уэ уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр си нитӀкӀэ солъагъу, щыпкъагъэ пхузиӀэу сопсэу.


абы щыгъуэм си псэм къещэу бийр къыслърежьэ, къысщӀрехьэ, си гъащӀэри ятӀэм хрырекухь, пщӀэуэ сиӀэри сабэ ирырещӀ.


«Иджы гузэгъэгъуэ диӀэщ, шынагъуэ зыри щыӀэкъым», цӀыхухэм щыжаӀэкӀэ, гугъуехьышхуэ ямыщӀэххэу къатехъуэнущ, фыз лъэщыджэм лъхугъэр къызэрытелъадэм хуэдэу. Абы фӀэкӀыпӀэ иӀэнукъым.


Сыту жыпӀэмэ абыхэм я бзэгупэм щыпкъагъэ телъкъым, я гурылъхэр узэкӀуэдылӀэнщ, я джийхэр бэн зэӀухащ, я жьэм къыжьэдэкӀыр щытхъу нэпцӀщ.


Губжьым хэту, епсэлъэнщ Ар, Абы и губжьышхуэм ахэр игъэшынэнщ, мыр яжриӀэурэ:


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ