9 Гилеад, Мэнашэ сысейщ, Эфраим – си тажщ, Иудэ – си дыщэ къащӀэщ.
Дунеишхуэм хьэкумыр щыпкъагъэкӀэ трещӀыхь Абы, захуагъэ хэлъу цӀыху лъэпкъхэм я Ӏуэхухэр зэхеху.
Уэращ Тхьэр! Уэращ си Тхьэр, сыплъохъу, сигукӀи си псэкӀи сыпхуозэш; щӀыгу нэщӀым, щӀыгу гъущӀам сыщыӀэу, щӀыгу псыншэм сыщыӀэу си пкъыр пхуопабгъэ.
Сыноджэ, Зиусхьэн: си абрэмывэм макъыншэ зумыщӀ, зыбущэхуу къызжумыӀэмэ, хьэдрыхэ ехыжхэм яхуэдэ сыхъунщ.
ШейтӀаным гуэныхь дигъэлэжьыну хуит умыщӀ, икӀи абы дыщыхъумэ. МыкӀуэдыжын тепщэныгъэшхуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр ууейщ. Ӏэмин».
Джатэ жанкӀэ иреукӀ ахэр, хьэӀуцыдзхэм пэщӀрехуэ.
Ди Тхьэм щыхь уэрэдыр хужыфӀэ, щӀыхь уэрэдыр хужыфӀэ, ди пащтыхьым щӀыхь уэрэдыр хужыфӀэ, хужыфӀэ.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корах и къуэхэм папщӀэ. Уэрэд
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
Ящодыхьэшх уафэм щыпсэур, ящӀонакӀэ абыхэм Зиусхьэныр.