5 Уи цӀыху лъэпкъым гугъуехь ебгъэшэчащ, дыщхьэщызыху санэ дебгъэфащ.
Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр дыкъэлъагъу, Зиусхьэн, дымыкӀуэду дыкъегъэл.
Цион къалэм и куэбжэм уи щӀыхь псори щысӀуэтэну, сымыкӀуэду сыкъызэребгъэламкӀи сыгуфӀэну.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гум гущӀэгъу имылъым Тхьэм гущӀэгъу къыхуимыщӀу хьэкум къытрищӀыхьынущ. Ауэ гущӀэгъур гъэкъуэншэным нэхърэ нэхъ лъэщщ.
Тхьэм и псалъэхэр имыгъэпэжауэ аркъым абы къикӀыр. Израил лъэпкъым щыщ псори аракъым израил цӀыху пэжу щытхэр.
МахуэщӀэ махуэу бжьамийм фепщэ, мазэщӀэми, мазэм щизыгъуэми,
КъызэдэӀуи, жэуап къызэт; срагъэшащ къину сызыхэтым; сагъэгупсэхуркъым
Абдежым къурмэнщӀыпӀэ щигъэуври, елъэӀуащ Зиусхьэну Израил и Тхьэм.
ЗыкъэӀэт, Зиусхьэн, уи губжьым ухэту, си бийхэм я губжьышхуэм сыщыхъумэ, си хьэтыркӀэ зыкъэгъэхъей – хьэкум ятепщӀыхьыну бухэсащ.