1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «Шушан-Эдут» макъамэр щӀэлъу ягъэӀу. Яджын папщӀэ Даут иуса уэрэд
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «СумыгъэкӀуэд» макъамэр щӀэлъу ягъэӀу. Даут и уэрэд
Ди Тхьэ, пхужысӀэнщ уэрэдыщӀэ, бзэпсипщ зэрылъ пшынэ дыкъуакъуэмкӀэ сэ уэрэд пхужезгъэӀэнщ.
ЦӀыху лъэпкъым тхьэмыщкӀэу хэтхэм я Ӏуэху кърехъумэ, кърегъэл зылъэмыкӀхэр, цӀыхухэр егъэзыгъэ зыщӀхэр зэхрекъутэ.
КъэкӀыгъэхэр я хэхъуэгъуэ пӀалъэм зэрызэхэкӀыжым хуэдэу ди къуэхэр ирехъу, ди пхъухэр – пщы сэрейхэм щӀэт пкъо ишахэм хуэдэ.
Зиусхьэн унэшхуэм щыхаса жыгхэм хуэдэу, ди Тхьэм и унэшхуэ пщӀантӀэм къыщощхьэлъэ.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
Си бийм къызжиӀэн лъремыкӀ: «Сэ абы сытекӀуащ». Сылъэпэрапэмэ, къыспэувхэр иремыгуфӀэ.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «СумыгъэкӀуэд» мэкъамэр щӀэлъэу ягъэӀу. Даут иукӀын папщӀэ, Шаул ар къэрэгъулыну и унэм щигъэкӀуам щыгъуэ Даут иуса уэрэд