9 ауэ Уэ, Зиусхьэн, абыхэм уащодыхьэшх, хамэ лъэпкъхэр псори мыскъарэ уощӀ.
ЩӀыхь пхузощӀ Уэ, Зиусхьэн! Хабзэу бгъэувахэм Уэ сыхуэгъасэ.
Зиусхьэным щыпкъагъэ зиӀэмрэ цӀыху бзаджэмрэ егъэунэху, залымыгъэ зылэжьхэр Абы игу техуэркъым.
Аращ, цӀыху бзаджэхэм я шабзэ къаукъуэдиящ, я шабзэшэ бзэпсым къыдалъхьащ, щыпкъагъэр зигу илъхэм кӀыфӀым хэту еуэн щхьэкӀэ.