4 Сыту жыпӀэмэ ахэр къощэ си псэм; цӀыху мэхъаджэхэр зэкъуэтщ, къыстебэнэнхэу ягу илъу; хабзэншагъэкӀэ сыпсэуауэ, гуэныхь злэжьауэ аракъым, Зиусхьэн;
Зиусхьэн, си бзэм ӀункӀыбзэ ети, си Ӏупэр быдэу убыд;
ауэ бзэгур зыми игъэӀэсэн лъэкӀынукъым. Ар, бгъэувыӀэн плъэмыкӀыну, бзаджэ гуэрщ, ажал къызыхэкӀ щхъухьи хэзщ.
Я джийхэр щхьэ зытемылъ кхъэлэгъунэ фӀейхэм яхуэдэщ. Я бзэхэмкӀэ цӀыхухэр къагъапцӀэ. Блэм и щхъухьыр я бзэгупэм телъщ.
– Фэ, блэхэ! Фэ, блэ щылъхухэ! Жыхьэнмэр унапӀэ фхуищӀащ Тхьэм, абы дауэ фыӀэщӀэкӀын?
Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ ящыщ куэд зрагъэумэхъын щхьэкӀэ къэкӀуауэ щилъагъум, Иуан яжриӀащ: – Фэ, блэ щылъхухэ! Тхьэм и губжьу къэкӀуэнум фыӀэщӀэкӀын гугъэ хэт фэзыгъэщӀар?
– Жыгхэм къапыкӀэ пхъэщхьэмыщхьэр дэ тшхы хъунущ, – жриӀащ цӀыхубзым блэм, –
КъыщӀихьащ Зиусхьэным псэм фӀэфӀ мэ дахэр, икӀи жиӀащ Зиусхьэным игукӀэ: – ЦӀыхум и зэранкӀэ афӀэкӀа зэи щӀылъэм нэлат есхыжынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхум и мурадхэр абы и ныбжьыщӀагъэм къыщыщӀэдзауэ Ӏейуэ щытщи; афӀэкӀа зэи псэ зыпыт згъэкӀуэдыжынукъым, Сэ зэ зэрысщӀыгъам хуэдэу.
Абы папщӀэ узэхикъутэнщ уэ Тхьэм, уричынщ, уи унэ урихунщ, псэ зиӀэу цӀыгум тетхэм яхигъэкӀуэдыкӀыжынщ уи лъапсэр.